+7 (905) 200-45-00
inforussia@lio.ru

Кабардинский язык

Пасэрей зэгурыiуэныгъэмрэ ...

Тхьэм дунейр къызэригъэщiар. Псом япэ Тхьэм уэгумрэ щIыгумрэ къигъэщIащ. ЩIы- гур нэщIыпст икIи кIыфIыпст. Ауэ Тхьэм ищIэрт щIы- гур дахащэ ищIыну лъэкIыныгъэ зэриIэр. Тхьэм нэхур къигъэщIри, кIыфIыр абы къыщхьэщигъэщхьэхукIащ. Арати, Тхьэм нэхум – махуэ, кIыфIым – жэщ яфIищащ. Тхьэм илъэгъуащ ар зэрыхъарзынэр. ЩIым и щхьэфэр зэрыщыту псыт. Тхьэм мурад ищIащ а псы къомым и ныкъуэр щIым къытринэу, адрейм пшэ къыхищIыкIыну.