Кабардинский язык
Сыт дэ дыщiэпсэур?
Аращи: сыт дэ дыщIэпсэур? Е: мы щIым сыт ды- щIытетыр? Е: ди гъащIэм и мыхьэнэр сыт?
Эссен сыщыIэу сэ телефонкIэ зэхэсхащ сатуу- щIэ гуэрым и гузавэ макъ:
– Зиусхьэн дин пашэ, къакIуэ си деж!
Сэ сыпIащIэу сокIуэ абы деж, езыр мы псалъэ- хэмкIэ къыспожьэ:
– Си къуэм зиукIыжащ!
Сэ сцIыхурт а ныбжьыщIэр. Ар студентт. Сыт хуейми, игъуэтырт абы. Ар узыншэт, дахэт, и щIэлъэгъуэт, къулейт. Куэд щIат абы езым и мар- шинэ псынщIэ зэриIэрэ. Ар зы Iуэху мыфэмыц гуэри хэпщIауэ щыттэкъым. ИкIи мис а щIэлъэ- щIэр, и натIэм треубыдэри, кIэрахъуэкIэ зоуэж! Тхыгъэ къигъэнам итт: «Сэ мы гъащIэр собгынэ, абы мыхьэнэ лъэпкъ хэслъагъуэркъым!» Укъегъэу- Iэбжь абы!